Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 8:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 8:12
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ИтӀанэ Щынэм еханэ мыхъурыр зэрытричыр слъэгъуащ. ЩӀылъэр хуабжьу хъеящ абы щыгъуэ, дыгъэри бжэныцым къыхэщӀыкӀа щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэ кӀыфӀ хъуащ, мазэри лъым хуэдэ плъыжь хъуащ.


МафӀэ, Ӏугъуэ, тхъуэбзащхъуэ гугъуехьышхуищу а шыхэм я жьэхэм къажьэдэкӀыу щытам цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀащ.


Игъэува сыхьэтымрэ махуэмрэ, мазэмрэ илъэсымрэ цӀыху псоми я Ӏыхьэ щанэр ягъэлӀэну Тхьэм хьэзыру щигъэта мелыӀычиплӀыр яутӀыпщыжащ.


– А махуэхэм, гузэвэгъуэшхуэм и ужькӀэ, дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым.


– А гузэвэгъуэшхуэ махуэхэм я ужь дыгъэр напӀэзыпӀэм ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым. Вагъуэхэри уафэм къехуэхынущ, уафэм щыӀэ къарухэри къызэщӀэхъеенущ.


Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми къыщылъэгъуэнущ. ЩӀым тет лъэпкъхэм ящӀэнур ямыщӀэурэ ягухэр кӀуэдынущ. Хыри ину къэукъубеинурэ, и макъ шынагъуэр къэӀунущ.


Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху, а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.


Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.


Зиусхьэным и махуэ лъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр къэсын и пэкӀэ дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри лъым хуэдэ хъунущ.


Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ