16 ИгъащӀэкӀэ мэжэлӀэжынукъым, псыи хуэлӀэжынукъым. Дыгъэри хуабагъэшхуэри абыхэм къегуэуэжынукъым.
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.
Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.
Ерусалим и мамырыгъэкӀэ фыхуэлъаӀуэ: «Уэ фӀыуэ укъэзылъагъухэр фӀыуэ ирепсэу.
Фэ, иджы мэжэщӀалахэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, зывгъэнщӀыжынущи. Фэ иджы пыхьэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, фыгуфӀэжынущи.
ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.
ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.
Сыту жыпӀэмэ щхьэегъэзыпӀэкӀэ зызыхуэзгъазэ Тхьэр Уэращ. Сыт щхьэкӀэ сыхыфӀэбдза? Бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?
Дыгъэр къыщӀокӀ, къыдокӀуэтей, хуабэ дыдэ мэхъу. Хуабэм удзыр егъэгъу. Удз гъэгъар полъэлъыжри, и дахагъэр мэкӀуэдыж. Апхуэдэ дыдэу къулейри, и Ӏуэхухэм ятхьэкъуауэ, кӀуэдыжынущ.
Ауэ абыхэм ягукӀэ лъабжьэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ е гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ахэр.
ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, къыхэпсар исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.
Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.
уафэхъуэпскӀыр къэгъэлыди, уи бийхэр зэбгрыху; уи шабзэшэхэр утӀыпщи, ахэр зэбгрыху.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Хьэкум щащӀыну тахътэхэр щагъэуващ абы, Даут и лӀакъуэ тахътэхэр.