Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 7:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 «Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 7:12
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.


Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»


Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


Гу къуаншэм зыщыздзеинщ сэ; Ӏуэху бзаджэ зыхэзгъэхуэнкъым.


И псалъэ къиутӀыпщынщи, псори къэвыжынщ; жьыр къригъэпщэнщи, псыхэр къежэхэнщ.


Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!


Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.


Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.


Уэрэд хужыфӀэ Зиусхьэным, Абы и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ, дыкъызэрыригъэлам и хъыбар махуэ къэс фӀуатэ!


ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».


сыкъызэребгъэлым и гуфӀэгъуэр къыслъреӀэс, гу хьэзыр сиӀэну сыгъэбыдэ.


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ. И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ умыщӀэ бзэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуэпщӀмэ, мы Ӏуэхухэр зэхэзымыщӀыкӀ цӀыхухэм ящыщ гуэрым уи тхьэщӀыхьым «Ӏэмин» хужиӀэн дауэ зэрылъэкӀынур? ЖыпӀэр къыгурыӀуэнукъым, пэжкъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ