Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 7:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Тахътэм, тхьэмадэ нэхъыжьхэм, псэущхьиплӀым къеувэкӀауэ щытт мелыӀыч псори. Тахътэм и пащхьэм нэкӀукӀэ зыщрадзыхри, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, абыхэм жаӀащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 7:11
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:


А тахътэм и пащхьэм, абджым къыхэщӀыкӀауэ, кристаллым хуэдэу нэхуу икӀи къабзэу, хым хуэдэу зыгуэр щыслъэгъуащ. Утыкум тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ, псэущхьиплӀ итт. Я гупэкӀи я щӀыбкӀи абыхэм нэхэр яхэзт.


Тхьэм и пащхьэм ит тахътэхэм тес тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым нэкӀукӀэ зрадзыхыурэ, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:


Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.


Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».


цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.


Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».


Хыми абы хэс псоми, Дунеишхуэми абы тет псоми макъышхуэ япреӀукӀ;


«Фыкъэувурэ, Сэ сызэры – Тхьэр зэвгъащӀэ: цӀыху лъэпкъхэми сагъэлъапӀэ, сыщагъэлъапӀэ щӀыгуми».


ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур, лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ