Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 7:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 7:10
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.


Сыкъэлъагъу, Зиусхьэн! СымыкӀуэдыну сыкъегъэл, си Тхьэ! Бийуэ сиӀэ псоми я нэкӀур яхущӀыбоуд, цӀыху бзаджэхэм я дзэхэр яхубогъэщащэ.


Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.


А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ: – Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь. – Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.


ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».


А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ.


А тахътэм и пащхьэм, абджым къыхэщӀыкӀауэ, кристаллым хуэдэу нэхуу икӀи къабзэу, хым хуэдэу зыгуэр щыслъэгъуащ. Утыкум тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ, псэущхьиплӀ итт. Я гупэкӀи я щӀыбкӀи абыхэм нэхэр яхэзт.


Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.


Хьисэ къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр.


Си фӀэщхъуныгъэм сытекӀакъым сэ, гухэщӀышхуэ сиӀэу жысӀами.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ