Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 7:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Абы и ужькӀэ щӀылъэм и къуапиплӀым мелыӀычиплӀ тету слъэгъуащ. Жьыр щӀыми хыми къыщемыпщэн, жыгми къемыуэн щхьэкӀэ, щӀылъэм и къуапиплӀым къикӀ жьыбгъэхэм пэувырт ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 7:1
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дунейм и лъэныкъуиплӀыкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.


А макъым бжьамиишхуэр зыӀыгъ еханэ мелыӀычым жриӀащ: «Евфрат псышхуэм деж щрапха мелыӀычиплӀыр хуит щӀыж, утӀыпщыж».


«Ди Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм я натӀэм мыхъурыр тедмыгъэуауэ, щӀыми, хыми, жыгхэми фи ягъэ евмыгъэкӀ!»


ЩӀылъэм и удзхэми, и жыгхэми, и къэкӀыгъэхэми ягъэ ирамыгъэкӀыну Тхьэм яжриӀащ. Тхьэм и мыхъурыр зи натӀэ темыгъэуа цӀыхухэм я закъуэщ я ягъэ зрагъэкӀын хуеяр.


ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».


Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.


Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ