Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 6:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Шым тесым шабзэ иӀыгът, мелыӀыч гуэрми абы таж иритащ. ТекӀуэныгъэр къэзыхьым хуэдэу, текӀуэныгъэр къихьыну ежьащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 6:2
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Сыщыплъэм, пшэ хужь гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уафэпшэм хэту «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм» и плъыфэ зиӀэ гуэри къэслъэгъуащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа таж щхьэрыгът, гъубжэ жан иӀыгът.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Зиусхьэным и Ӏуэхухэр инщ, ахэр зигу ирихь псори абыхэм яхогупсысыхь.


Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.


ЗэхэткӀухьа мафӀэмрэ абджымрэ къыхэщӀыкӀауэ, хым и плъыфэ иӀэу зыгуэр слъэгъуащ итӀанэ. Хьэщхьэвылъэм, абы и сурэтым, абы и цӀэм и бжыгъэм ятекӀуэгъа цӀыхухэр абджым къыхэщӀыкӀа хым и Ӏуфэм Ӏутт. Тхьэм ярита шыкӀэ пшынэхэр яӀыгъыу,


Хамэ лъэпкъхэр губжьащ, уэ уи губжьри къэлъэгъуащ. ЛӀахэм хьэкум щатепщӀыхьыну зэманыр къэсащ иджы. Уэ къыпхуэлажьэ бегъымбархэми, уи цӀыху лъапӀэхэми, уи фӀэлӀыкӀ зи гум илъ цӀыхухэм, – цӀыкӀуми, инми, – яхуэфащэ ӀыхьэфӀыр щебгъэгъуэтыну зэманри къэсащ. ЩӀылъэр зыгъэкӀуэд цӀыхухэр уэ щыбгъэкӀуэдыжыну зэманри къэсащ».


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.


Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщи, цӀыху лъэпкъхэр ирегулэз! мелыӀычхэм ящхьэкӀэ и тахътэ Ар тесщи, щӀыгур иретхытх!


Шы пщӀэгъуалэхэм тесу, чэсей пӀащӀэ хужь къабзэхэмкӀэ хуэпауэ, уафэм и дзэхэр абы и ужь итт.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


жэщ гупсысэхэм сагъэтыншыркъым, согупсыс, сызоупщӀыж:


МацӀэхэм я теплъэр зауэм хуагъэхьэзыра шыхэм я теплъэм хуэдэт. Дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэм хуэдэхэр ящхьэрыгът, я нэкӀухэри цӀыхухэм я нэкӀухэм хуэдэт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ