7 А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ.
Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.
Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.