4 Тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зыхуэфащэ цӀыху къызэрамыгъуэтам щхьэкӀэ, куэдрэ сыгъащ.
Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, уафэм щыӀэ бжэ гуэр зэӀухауэ слъэгъуащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэу къызэпсалъэу зэхэсхыгъа макъым жиӀащ: «Мыбы къыдэкӀуей, дяпэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр уэзгъэлъагъунущ».
А тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зылъэкӀ цӀыху зыри уафэми, щӀылъэми, щӀылъэм и щӀагъми щыӀакъым.
Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».