3 А тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зылъэкӀ цӀыху зыри уафэми, щӀылъэми, щӀылъэм и щӀагъми щыӀакъым.
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
«Хэт Зиусхьэным и гум илъыр зыщӀэр? Хэт абы чэнджэщэгъу хуэхъуар?
Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ, уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми щыӀэхэр аращ,
Тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зыхуэфащэ цӀыху къызэрамыгъуэтам щхьэкӀэ, куэдрэ сыгъащ.