2 ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ мелыӀыч гуэри слъэгъуащ, макъышхуэкӀэ жиӀэу: «Мыхъурыр тезычыну, тхылъыр зэгуэзыхыну хэт зыхуэфащэр?»
Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».
ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ, нэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ итӀанэ; уафапшэр фащэу щыгът, лэгъупыкъури щхьэщытт, и нэкӀури дыгъэм хуэдэт, и лъакъуэхэри мафӀэ пкъохэм хуэдэт.
Уэ кӀыфӀыр уодзри, жэщ мэхъу. А зэмыным къожьэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэр.
ИтӀанэ мелыӀыч лъэщ гуэрым щхьэл мывэм хуэдэ мывэшхуэ гуэр къиӀэтщ, хым хидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ итӀанэ: «Бабилэн къалэшхуэр апхуэдэ къаруушхуэкӀэ ирадзыхынущ, ар зэи ягъуэтыжынукъым.
Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.