1 Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.
А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ.
Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт.
Щынэм мыхъуриблым ящыщу япэрейр зэрытричыр слъэгъуащ итӀанэ. ПсэущхьиплӀым ящыщу зым уафэгъуагъуэм и макъым хуэдэ макъкӀэ «КъакӀуэ!» жиӀэу зэхэсхащ абдежым.
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
Абы тесым и теплъэр мывэ лъапӀэ хужьу яспискӀэ зэджэмрэ мывэ лъапӀэ плъыжьу сардискӀэ зэджэмрэ я теплъэм хуэдэт. Тахътэм ихъуреягъкӀэ лэгъупыкъу теплъэ зиӀэ мывэ лъапӀэ удзыфэу смарагдкӀэ зэджэм хуэдэр щыӀэт.
ЩӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, фӀыщӀэшхуэри тахътэм тесу, сыт щыгъуи щыӀэнум псэущхьэхэм
Абыхэм бгыхэмрэ къыр дзакӀэхэмрэ жраӀащ: «ЗыкъыттефӀуби, тахътэм тесым девмыгъэлъагъу, Щынэм и губжьми дыщыфхъумэ.
Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ.