Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 4:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Тахътэм уафэхъуэпскӀхэри къилыдыкӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къыпыӀукӀащ. Тахътэм и пащхьэм уэздыгъибл къыщыблэрт – ахэр Тхьэм и псиблыр арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 4:5
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэр зэӀуха хъуащ абы и ужькӀэ, икӀи Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ пхъуантэри къэнэхуащ. Уафэр къэхъуэпскӀащ итӀанэ, макъышхуэхэри уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри хъеящ, уэшхуэхэри къехащ.


Абы и ужькӀэ мелыӀычым удз гъэсылъэр къищтэщ, къурмэнщӀыпӀэм и мафӀэм щыщ из ищӀри, щӀылъэм къридзыхащ. Уафэгъуагъуэ макъышхуэхэр къэӀуащ, уафэри къэхъуэпскӀащ, щӀылъэри къэхъеящ абы щыгъуэ.


Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Щынэ гуэр фӀагъэжам хуэдэу, тахътэм и гупсэм иту, псэущхьиплӀымрэ тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ а Щынэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ слъэгъуащ итӀанэ. Бжьакъуибл тетт абы, нибли иӀэт. Ниблыр Тхьэм дунейм дэнэкӀи игъэкӀуа псиблыр аращ.


Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.


ЩӀыхь хурещӀ Абы уафэгухэми, щӀыгуми, хыхэми, абыхэм щыпсэу псоми.


МафӀэм хуэдэу бзэгухэр къахуэлъэгъуащ. А бзэгухэм загуэшри, абыхэм ящыщ дэтхэнэми зы бзэгу къытенащ.


– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


– Мы щӀыналъэр ууей хъун папщӀэ, Халдей щыӀэ Ур къалэм укъыдэзыша Зиусхьэныр Сэращ, – къыжриӀащ Зиусхьэным абы.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.


Аслъэнхэр зэрыгъуахъуэм хуэдэу, макъышхуэкӀэ къэгуоуащ. Ар къыщыгуом, уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ