Апокалипсис 4:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4 Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.