Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Абдеж дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ, икӀи сыщыплъэм, уафэм тахътэ гуэр щыслъэгъуащ, абы зыгуэр тест.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 4:2
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.


Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ.


ЩӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, фӀыщӀэшхуэри тахътэм тесу, сыт щыгъуи щыӀэнум псэущхьэхэм


Тахътэм уафэхъуэпскӀхэри къилыдыкӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къыпыӀукӀащ. Тахътэм и пащхьэм уэздыгъибл къыщыблэрт – ахэр Тхьэм и псиблыр арщ.


Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.


ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»


Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ: – Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь. – Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым губгъуэ нэщӀым сишащ абы и ужькӀэ. Абы щыслъэгъуащ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фӀыцӀафэм тес цӀыхубз гуэр. А хьэщхьэвылъэм Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр тезу тетт, щхьибли пытт, бжьакъуипщӀи тетт.


ЩӀалэ цӀыкӀу къилъхуащ. Абы щӀылъэм тет лъэпкъ псори гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ. А сабийр Тхьэмрэ Тхьэм и тахътэмрэ я деж драхьеящ.


Абыхэм бгыхэмрэ къыр дзакӀэхэмрэ жраӀащ: «ЗыкъыттефӀуби, тахътэм тесым девмыгъэлъагъу, Щынэм и губжьми дыщыфхъумэ.


Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,


– Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ:


хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ