Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Мис, зыми имыгъэбыдэжыфыну бжэр фи пащхьэм щызэӀусхащ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ фиӀэкъым, ауэ си псалъэхэр вгъэзэщӀащ, си гъуэгу фызэрырикӀуэри цӀыхухэм я пащхьэм щывущэхуакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 3:8
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну Троадэ къалэм сыщыкӀуэм, Зиусхьэным зы бжэ къысхузэӀуихауэ щытми,


Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.


ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.


Ауэ си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щыжысӀэнущ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


Мы дунейм и цӀыхухэм къахэпшэу си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэм уэ уезгъэцӀыхуащ. Ахэр уэ уи цӀыхуу щытащ, сэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьащ, уэ уи псалъэхэри ягъэзэщӀащ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фигухэр икӀи хуабэкъым, икӀи щӀыӀэкъым. Фигухэр хуабэу щытыгъащэрэт е щӀыӀэу щытыгъащэрэт.


– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм едаӀуэр гъуэгу махуэ теуващ.


«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.


И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ.


ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.


Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.


фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, куэду фызэрылэжьари, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэуари сощӀэ. ЦӀыху бзаджэхэр зэрывмышэчыфри сощӀэ. АпостолкӀэ зэджэж апостол нэпцӀхэр вгъэунэхуащ икӀи пцӀы зэраупсыр флъэгъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ