Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 3:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Ауэ зи щыгъынхэр зымыуфӀея цӀыху гуэрхэр Сардис къалэм щыфщӀыгъущ. Щыгъын хужьхэр ящыгъыу къыздэкӀуэнущ ахэр, абыхэм апхуэдэ щӀыхь яхуэфащэщи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 3:4
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.


Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.


МелыӀыч гуэрым абыхэм ящыщ дэтхэнэми джанэ кӀыхь къритри, зытэлай загъэпсэхуну яжриӀащ, дунейм и цӀыхухэм ахэр зэраукӀам хуэдэу, абыхэм я гъусэу яукӀыну цӀыхуу Тхьэм хуэлажьэхэмрэ адрей къуэш яукӀынухэмрэ я бжыгъэр ирикъуху.


Шы пщӀэгъуалэхэм тесу, чэсей пӀащӀэ хужь къабзэхэмкӀэ хуэпауэ, уафэм и дзэхэр абы и ужь итт.


Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.


Аращи, бей фыхъун щхьэкӀэ, мафӀэкӀэ гъэкъэбзэжа дыщэ си деж щыфщэхуну чэнджэщ фызот. ФызэрыпцӀанэщи, фымыукӀытэн щхьэкӀэ, щыгъын хужьхэри къэфщэху. Фи нэхэми ялъагъун щхьэкӀэ, ящыфхуэну дагъэри къэфщэху.


Чэсей пӀащӀэ лыд икӀи къабзэ зыщитӀэгъэну мелыӀыч гуэрым Щынэм и нысащӀэ хъунум иритащ». Чэсей пӀащӀэм къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я щыпкъагъэр арщ.


НэгъуэщӀхэри мафӀэм къыхэфшыжи, мыкӀуэду къевгъэл. ИтӀанэ нэгъуэщӀ цӀыхухэми фахуэсакъыурэ, гущӀэгъу яхуэфщӀ. Япкъхэм ягъэуфӀея щыгъынхэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.


– Ауэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжу, ахърэтым щыпсэуну зыхуэфащэхэм фыз къашэжынукъым, лӀыи дэкӀуэжынукъым.


– Къалэ ирехъу, жылэ ирехъу, дэнэ фыдыхьэми, фэ фхуэфащэ гуэрым фыщӀэупщӀэ. А щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, апхуэдэ гуэрым деж фыщыӀэ.


ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.


Тхьэм хьэкум захуэ зэрищӀыр а Ӏуэху псоми къагъэнахуэ, теубыдагъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ гугъуехь зыхуэфщэч Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну къыфхуигъэфэщэнущи.


Сэ си тхьэлъэӀукӀэ, Зиусхьэн, зыныпхузогъазэ; Уэ игъуэу плъытэ уахътэм, си Тхьэ, Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хьэтыркӀэ сыкъызэхэх. Уэ уи дэӀэпыкъуэгъу щыпкъэкӀэ


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:


Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».


Мыхэрщ цӀыхубзхэмкӀэ зызымыгъэуфӀеяр, ахэр къэзымыша-дэмыкӀуахэм яхуэдэщи. Щынэр дэнэ кӀуэми, абы кӀэлъокӀуэ. Мыхэращ Щынэм цӀыхухэм къахишу, зи щхьэхэр къищэхужу, Тхьэмрэ езымрэ щхьэкӀэ япэ игъэувар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ