2 Фысакъ, фымыжейуэ, къыфхуэнэжа гъащӀэу и кӀэм нэсам къару евгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ влэжь Ӏуэхухэр Тхьэм дежкӀэ нэсауэ слъытэркъым.
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.
Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.
Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.
– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, – къыщӀигъуащ Хьисэ, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри фщӀэркъыми.
Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: нэхъапэм къысхувиӀа фӀылъагъуныгъэр зыхэвнэжащ.
– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.
Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.
Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.
– Ар щызэхахым, хъыджэбз псори къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ.