3 А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ.
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.
СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ.
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;
– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.
– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.
Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.
МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».
Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.