1 ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.
Тхьэм Хьисэ уафэм дришеижу, и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьа нэужь, Адэ лъапӀэм къызэригъэгугъа и Псэ ЛъапӀэр абы къритащ, фэ зэрыфлъагъущ, икӀи зэрызэхэфхщи, Хьисэ а Псэ ЛъапӀэр дэ къытхуригъэхащ.
А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар.
– Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуезгъэхынущ. Ар Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, абы и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэращ. Ар къыщыкӀуэкӀэ, сэ щыхьэт къыстехъуэнущ.
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
Щынэ гуэр фӀагъэжам хуэдэу, тахътэм и гупсэм иту, псэущхьиплӀымрэ тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ а Щынэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ слъэгъуащ итӀанэ. Бжьакъуибл тетт абы, нибли иӀэт. Ниблыр Тхьэм дунейм дэнэкӀи игъэкӀуа псиблыр аращ.
Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ.
Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.
МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ пэжщ. Бегъымбар лъапӀэхэм я Зиусхьэну Тхьэм, куэд мыщӀэу къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр езым хуэӀурыщӀэ цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ, и мелыӀычыр къигъэкӀуащ.
Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.