Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 21:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 21:3
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.


Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.


Абы щхьэкӀэ Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ икӀи жэщи махуи Тхьэм и унэшхуэм щӀэту Тхьэр ягъэлъапӀэ. Тахътэм тесри ядэпсэунущ.


Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».


ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.


Уафэм къиӀукӀыу зэхэсха макъым, аргуэру къэпсалъэурэ, къызжиӀащ: КӀуэи, зи лъакъуэ лъэныкъуэр хым хэзыгъэувауэ, адрей лъакъуэ лъэныкъуэри щӀым тезыгъэува мелыӀычым иӀыгъ тхылъ цӀыкӀу зэӀухар къеӀых.


Уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуа нэужь, жаӀар стхыну сыхуеящ, ауэ уафэм къикӀыу макъ гуэрым жиӀэу зэхэсхащ: – Уафэгъуагъуиблым жаӀар умытхыу, ущэху.


Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах.


Тхьэр здэщыӀэ шэтыр пэжым дин пашэшхуэу Ӏуэху щелэжь абы. А шэтырыр зыгъэувар цӀыхухэракъым, атӀэ Зиусхьэныращ.


А къалэм Тхьэм и ней зыщыхуа дэсынукъым. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэр а къалэм щыӀэнущ. Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм ар ягъэлъэпӀэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ