Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 20:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Апхуэдэу, щӀылъэм и гъунэр здынэсыр яубыдурэ кӀуэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я увыпӀэу Тхьэм фӀыуэ илъагъу къалэшхуэр къаувыхьащ. Ауэ уафэм мафӀэ къехри, ахэр исащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 20:9
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр зымыщӀэ цӀыхуу, ди Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, мафӀэшхуэу зэщӀэплъар къыздихьынурэ, Зиусхьэн Хьисэ дунейм къэкӀуэжынущ.


Сыт хуэдэ шхыни ягу хуэмыкӀуэу, лӀэныгъэм и куэбжэм пэблагъэ хъуащ.


МыкӀуэдыж лъагъуныгъэу, щыпкъагъэу израил лъэпкъым хуиӀар Абы игу илъ зэпытщ. Ди Тхьэм текӀуэныгъэр къызэрихьар щӀыгу псоми я гъунапкъэхэм ялъэгъуащ.


ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуащ. ЦӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу мафӀэ щӀылъэм къыщригъэхащ.


Зыгуэрым и ягъэ а щыхьэтитӀым яригъэкӀыну хуеймэ, абыхэм я жьэм мафӀэ къыжьэдэкӀыурэ, я бийхэр егъэкӀуэд. Абыхэм зи ягъэ езыгъэкӀыну хэтыр аращ зэрылӀэн хуейр.


Ауэ ЛутӀ Содом къалэм щыдэкӀа махуэм мафӀэрэ тхъуэбзащхъуэрэ зэщӀэлъу уафэм къещэщэхри, ахэр псори хэкӀуэдащ.


Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Екъубрэ Иуанрэ жаӀащ: – Зиусхьэн, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн?


КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.


Зиусхьэным къатрикӀащ Содомрэ Ӏаморэрэ уэшхым хуэдэу тхъуэбзащхъуэмрэ мафӀэмрэ, уафэм щыӀэ Зиусхьэным къыбгъэдэкӀыу.


– Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукӀэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщӀэнущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уи бийхэм быдапӀэхэмкӀэ укъыщыщаувыхьын махуэхэр къыпхуэкӀуэнущ. Абыхэм укъаухъуреихьынущ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къыщыптеуэнущ.


Зиусхьэн, сыкъезыгъэл си Тхьэ! Махуэм нэщхъейуэ сыноджэ, уи пащхьэ сыноувэ жэщым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ