3 Гугъуехь куэд фшэчащ, теубыдагъэ фиӀэуи фопсэу, си цӀэм щхьэкӀэ куэду фылэжьащ икӀи фешакъым.
Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.
Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.
ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.
Сыт ищӀысымкӀи теубыдагъэрэ шыӀэныгъэрэ фиӀэн щхьэкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэ псомкӀэ фи гур Тхьэм ирегъэбыдэ.
Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.
ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.
«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.
Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.
Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.
Фэ, ди къуэшхэ, мыр вжыдоӀэ: фӀы щӀэным зевт, фемыщу.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхугъуэхэм фащыгуфӀыкӀ. Гугъуехь фрихьэлӀэмэ, зыхуэвгъэщэч. Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.
Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.
СызэфӀэщӀауэ, сиӀу егъэзыхауэ сыщылъщ, махуэ псом сотхьэусыхэ.
Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.
щӀэныгъэр зышыӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зышыӀэныгъэр теубыдагъэкӀэ вгъэбагъуэ; теубыдагъэр Тхьэм и шынагъуэкӀэ вгъэбагъуэ;
Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.
Ахэр Мэссихь хуэлажьэрэ? Абыхэм нэхърэ нэхъыбэу сыхуолажьэ – акъыл зимыӀэм хуэдэу сопсалъэ. Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ, нэхъыбэри лъэхъуэщым сисащ, цӀыхухэр нэхъыбэри щӀопщкӀэ къызэуащ, ажалым и гъунэгъу нэхъыбэри сыхъуащ.
Аращи, пкъым дыхэлъми дыхэмылъми, Зиусхьэным и гум дызэрырихьыным и ужь дитщ.
ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.
Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.
НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.
Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.
ЗыдгъэхьэщӀэурэ, зыми и щӀакхъуэ бзыгъэ фӀэтшхакъым. АтӀэ гугъу зедгъэхьурэ, хуабжьу дылажьэурэ, фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, жэщи махуи лэжьыгъэм дыпэрытащ.
Тхьэм и фӀылъагъуныгъэми Мэссихь и теубыдагъэми фи гур Зиусхьэным хуреунэтӀ.
Ди къуэшхэ, куэду дызэрылажьэу щытари, гугъуехь ттелъу дылажьэу зэрыщытари фи гум къэвгъэкӀыж. Фэ фщыщ зыми хьэлъэ дытемыхъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр щыфхуэтӀуатэм, жэщи махуи дылэжьащ.
Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.
ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.
Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ.
Тхьэм къытхуигъэува Ӏуэхум и гъунапкъэхэм я щӀыбкӀэ адрей цӀыхухэм ялэжьа ӀуэхумкӀэ дызыщытхъужыркъым, ауэ фи фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъууэ, фи деж щыдлэжьа Ӏуэхум зызэриубгъуным дыщогугъ, Тхьэм къытхуигъэува гъунапкъэхэм елъытауэ.
даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми;
Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.
Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.
Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.
Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу.
СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ.
Гъуазэ, дэ жэщ псом гугъу дехьу дылэжьащ, зыри къэдубыдыфакъым, – жиӀащ Симон, – ауэ уэ зэрыжыпӀэм тету хъыхэр хэздзэнщ.