Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 2:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. ФахущӀемыгъуэжмэ, фи деж мыгувэу сынэкӀуэнурэ, си жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ абыхэм сезэуэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 2:16
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


И Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл иӀыгът, зи дзитӀри жан джатэри и жьэм къыжьэдэкӀырт. И нэкӀури дыгъэ жьэражьэм хуэдэт.


Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.


ФымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыр тажым хуэдэ къафщтэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къывит джатэр къафщтэ. А джатэр Тхьэм и псалъэхэр арщ.


Шым тесым и жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ иукӀащ къэнахэри. Абыхэм ялкӀэ загъэнщӀащ къуалэбзу псоми.


И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ.


Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Зи дзитӀри жан джатэр зиӀэм мы псалъэхэр жеӀэ:


ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.


– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм едаӀуэр гъуэгу махуэ теуващ.


Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.


Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ