3 Аргуэру а гупышхуэр къэджащ: «Аллилуя! А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ пихуурэ уафэм дэкӀуеинущ».
А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, жаӀэнущ: «А къалэшхуэм хуэдэ къалэшхуэ зыри щыӀакъым».
Дунейм и пащтыхьу абы зинэ дэзыщӀауэ, абы и мылъкум хэпсэукӀауэ пащтыхьхэр, а къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, гузэсэнущ икӀи пыхьэнущ.
Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.
Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.
Плъащ Содомрэ Ӏаморэрэ, Ӏэгъуэблагъэм псори къыщызэхиплъыхьри къилъэгъуащ: Ӏугъуэр къыхокӀ щӀыгум, хьэкум къикӀым хуэдэу.
Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.
я щӀыгу тет уцыр зэкӀэ ящхащ абыхэм, я губгъуэхэм ярыт лэжьыгъэри лъэрыщӀыкӀ ящӀащ.
Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»