9 Дунейм и пащтыхьу абы зинэ дэзыщӀауэ, абы и мылъкум хэпсэукӀауэ пащтыхьхэр, а къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, гузэсэнущ икӀи пыхьэнущ.
Аргуэру а гупышхуэр къэджащ: «Аллилуя! А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ пихуурэ уафэм дэкӀуеинущ».
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм зинэ дащӀащ. А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».
А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, жаӀэнущ: «А къалэшхуэм хуэдэ къалэшхуэ зыри щыӀакъым».
Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.
ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.
Плъащ Содомрэ Ӏаморэрэ, Ӏэгъуэблагъэм псори къыщызэхиплъыхьри къилъэгъуащ: Ӏугъуэр къыхокӀ щӀыгум, хьэкум къикӀым хуэдэу.
Уэращ гуащӀэ къызэзытыр; Уэращ сызэплъынур, сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, быдапӀэу узиӀэщ.
Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.
Абы щхьэкӀэ гугъуехь ишэчу пӀэм хэзгъэлъынущ. А цӀыхубзым зинэ дэзыщӀахэри ящӀам хущӀемыгъуэжмэ, гузэвэгъуэшхуэ хэзгъэхуэнущ.