Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 18:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм зинэ дащӀащ. А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 18:3
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.


А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч кӀэлъыкӀуэри жриӀащ: – Къалэшхуэр зэхакъутащ. Бабилэн къалэшхуэр зэхакъутащ. А къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ зинэ щӀэнымрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ.


Дунейм и пащтыхьу абы зинэ дэзыщӀауэ, абы и мылъкум хэпсэукӀауэ пащтыхьхэр, а къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, гузэсэнущ икӀи пыхьэнущ.


Уэздыгъэ нэхуи а къалэшхуэм щыблэжынукъым. Щауэмрэ нысащӀэмрэ я макъхэри абы щызэхахыжынукъым. А къалэшхуэм и сатуущӀэхэр мы дунейм и цӀыху инхэм ящыщащ. И удыгъэмкӀэ а къалэшхуэм лъэпкъ псори щигъауэрт.


Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэ дыдэу хуэпауэ, къулейуэ псэухэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ.


Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.


ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.


Гъыурэ, щыгъуэурэ, я гукъеуэм щхьэкӀэ я щхьэхэм мафӀэ сахуэр тракӀутэнущ икӀи гуоунущ: «Уэ, къалэшхуэ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ! Хым кхъухь щызиӀэ псори уи мылъкумкӀэ бей хъуащ. Псори пфӀэкӀуэдащ сыхьэт закъуэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ