Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 18:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Мыпхуэдэу къыжиӀащ лъэкӀыныгъэ зиӀэ макъкӀэ: «Къалэшхуэр зэхакъутащ! Бабилэн зи цӀэ къалэшхуэр зэхакъутащ! Жинхэм я унэ хъуащ, сыт ищӀыс жин бзаджэ Ӏейхэми къуалэбзу гущыкӀыгъуэ фӀейхэми я псэупӀэ хъуащ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 18:2
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч кӀэлъыкӀуэри жриӀащ: – Къалэшхуэр зэхакъутащ. Бабилэн къалэшхуэр зэхакъутащ. А къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ зинэ щӀэнымрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ.


ИтӀанэ мелыӀыч лъэщ гуэрым щхьэл мывэм хуэдэ мывэшхуэ гуэр къиӀэтщ, хым хидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ итӀанэ: «Бабилэн къалэшхуэр апхуэдэ къаруушхуэкӀэ ирадзыхынущ, ар зэи ягъуэтыжынукъым.


А къалэшхуэм ишэч гугъуехьышхуэм щхьэкӀэ а пащтыхьхэр шынагъуэм хэхуэнущ, мыпхуэдэу жаӀэнущ жыжьэу щыту: «Уэ, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Бабилэн къалэшхуэ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пхуэфащэр зы сыхьэт закъуэкӀэ уагъэпшыныжащ».


ЦӀыхубзу плъэгъуам къикӀыр къалэшхуэу дунейм и пащтыхьхэм тепщэныгъэ яхузиӀэр аращ.


И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».


Арати, къалэшхуэр Ӏыхьищу зэгуэкӀащ, хамэ лъэпкъхэм я къалэхэри зэхэкъутащ. Бабилэн къалэшхуэм и цӀыхухэр и гум иримыгъэкӀыжу, Тхьэм езым и фалъэм ит фадэм иригъэфащ – Тхьэм и губжьышхуэм и фадэ дыджыращ зригъэфар.


Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ.


НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀри, пшэм хэтым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «Гъубжэр щтэи, хэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀылъэм и гъавэр хъуащ, хэгъуэр къэсащ».


Аслъэнхэр зэрыгъуахъуэм хуэдэу, макъышхуэкӀэ къэгуоуащ. Ар къыщыгуом, уафэгъуагъуиблым я макъхэр къэӀуащ.


ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ мелыӀыч гуэри слъэгъуащ, макъышхуэкӀэ жиӀэу: «Мыхъурыр тезычыну, тхылъыр зэгуэзыхыну хэт зыхуэфащэр?»


И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт.


Абыхэм я хьэдэхэр къалэшхуэу цӀыхухэм ди Зиусхьэныр жорым щраӀулӀам и уэрамым дэлъынущ. А къалэшхуэм щхьэкӀэ Содом е Мысыр жаӀэ, нэгъуэщӀ мыхьэнэ кърагъэкӀыурэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ