Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 17:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 17:8
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьэщхьэвылъэу щыӀауэ иджы щымыӀэжым къикӀыр еянэ пащтыхьыр арщ. Ар пащтыхьиблым ящыщщ икӀи и кӀуэдыпӀэм мэкӀуэж.


Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.


«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.


Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.


– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.


ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейр иухуэн и пэ, Мэссихь ди псэм зэрыхэлъым щхьэкӀэ езым и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхихащ, ди гур къабзэу, къуаншагъэ лъэпкъ дбгъэдэмылъу, фӀылъагъуныгъэ ди гум илъу, езым и пащхьэм дыщыпсэун папщӀэ.


– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


Мыпхуэдэу жызыӀар Зиусхьэну мы Ӏуэхухэр куэд щӀауэ цӀыхухэм езыгъэщӀар арщ».


Дунейр къигъэщӀын и пэкӀэ Тхьэм Мэссихь къыхихащ, ауэ иджы дунейм и кӀэухым деж фӀыгъуэ къывигъэуэлӀэну Мэссихь къигъэкӀуащ.


Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.


Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.


Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ