6 А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.
сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».
Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ.
Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ.
Щынэм лъыуэ щӀэкӀамкӀи, Тхьэм и псалъэхэм щыхьэт зэрахуэхъуамкӀи ди къушхэр шейтӀаным текӀуащ. ЛӀэныгъэм и гъунэгъу хъуами, езыхэм я псэхэм щысхьакъым.
Уэ уи щыхьэту къэува Стефан и лъыр щагъажэм, сэ абдежым сыщытащ. Ар абыхэм зэраукӀыр яхуэздащ икӀи зыукӀахэм я щыгъынхэр яхуэсхъумащ».
жриӀащ: – СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.