Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 16:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 16:9
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти.


ЩӀыр ину хъеящ а сыхьэт дыдэм, къалэм и Ӏыхьэ пщӀанэри зэхэкъутащ. ЩӀыр щыхъейм, цӀыху минибл хэкӀуэдащ. МыкӀуэду къелахэри шынагъуэшхуэм хэхуащ икӀи уафэм щыӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ.


ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ.


МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.


Ауэ а гугъуехьышхуэхэм хэмыкӀуэда цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэм я щӀыб хуагъэзэжыну ядакъым. Жин бзаджэхэр ягъэлъэпӀэныр къагъэнакъым икӀи дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, мывэм, пхъэм къыхащӀыкӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэу зылъагъуни, зэхэзыхыни, зекӀуэни зылъэмыкӀхэр ягъэлъэпӀэныр щагъэтакъым.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ