3 ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.
А щыхьэтитӀым уафэр ягъэбыдэжыну тепщэныгъэ яӀэщ, Тхьэм абыхэм я гум кърилъхьа псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэ махуэхэм уэшх къемышхын щхьэкӀэ; псыр лъы ягъэхъун щхьэкӀэ псыхэми тепщэныгъэ хуаӀэщ икӀи щӀылъэм сыт хуэдэ гугъуехь ирагъэшэчыну дапщэщ хуейми яхузэфӀэкӀынущ.
ЯщӀамкӀэ Тхьэр ягъэгубжьати, узыцӀалэ узыр абыхэм къатепсыхащ.
Тхылъ цӀыкӀу гуэр зэӀухауэ иӀыгът. Лъакъуэ ижьыр хым хигъэувэрт, лъакъуэ сэмэгур щӀым тригъэувэрт.
ЩӀыгу гъущэм тету гъащӀэ зиӀэр хэкӀуэдащ.
Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът.
Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.