1 Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ».
Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ.
Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ».
Уэ нэщхъеягъуэ щӀакхъуэкӀэ дыбгъэшхащ, нэпс бэ дыдэ щӀэдбгъэгъэкӀащ.
ИтӀанэ нэгъуэщӀ мелыӀычу мафӀэм тепщэныгъэ хузиӀэр къурмэн щӀыпӀэм къыӀукӀри, гъубжэ жаныр зыӀыгъым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «ЩӀылъэм и санэ къуэпсхэм япыт жызумхэр хъуащи, уи гъубжэр щтэи, къыпыупщӀ».
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀри, пшэм хэтым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «Гъубжэр щтэи, хэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀылъэм и гъавэр хъуащ, хэгъуэр къэсащ».
Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэр зэӀуха хъуащ абы и ужькӀэ, икӀи Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ пхъуантэри къэнэхуащ. Уафэр къэхъуэпскӀащ итӀанэ, макъышхуэхэри уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри хъеящ, уэшхуэхэри къехащ.