Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 14:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 14:2
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ар къыщыӀихым, псэущхьиплӀымрэ цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ хъу тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ Щынэм и пащхьэм зыщрадзыхащ. ШыкӀэ пшынэм хуэдэ пшынэ лӀэужьыгъуэ гуэр иӀыгът хэти икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, мэ ӀэфӀ зыпих удзхэр зэрыт фалъэхэр яӀыгът. А удзхэм япих мэ ӀэфӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэр арщ.


И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт.


ЗэхэткӀухьа мафӀэмрэ абджымрэ къыхэщӀыкӀауэ, хым и плъыфэ иӀэу зыгуэр слъэгъуащ итӀанэ. Хьэщхьэвылъэм, абы и сурэтым, абы и цӀэм и бжыгъэм ятекӀуэгъа цӀыхухэр абджым къыхэщӀыкӀа хым и Ӏуфэм Ӏутт. Тхьэм ярита шыкӀэ пшынэхэр яӀыгъыу,


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Сыт хуэдэ уахътыи щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.


ШыкӀэ пшынэм, къамылым, бжьамийм я макъхэри, уэрэд макъхэри а къалэшхуэм щызэхахыжынукъым. Сыт хуэдэ ӀэщӀагъэ зиӀэри а къалэшхуэм щылэжьэжынукъым. Щхьэл мывэ макъри абы щызэхахыжынукъым.


А бегъымбаритӀым уафэм къиӀукӀ макъ гуэрым къажриӀэу зэхахащ итӀанэ: «Моуэ фыкъыдэкӀуей». Я бийхэр еплъурэ, ахэр уафэм дэкӀуеящ пщэм хэту.


Щынэм мыхъуриблым ящыщу япэрейр зэрытричыр слъэгъуащ итӀанэ. ПсэущхьиплӀым ящыщу зым уафэгъуагъуэм и макъым хуэдэ макъкӀэ «КъакӀуэ!» жиӀэу зэхэсхащ абдежым.


Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.


Псалъэ пагэхэр къажьэдокӀ; бзаджащӀэ псоми зафӀэлъэщщ.


Я макъым заӀэт, Зиусхьэн, псыхэм я макъым заӀэт, псыхэм я уалъэ макъым заӀэт.


ИрекӀуэд псы блэжым хуэдэу; щашэшӀкӀэ зыпыщӀыкӀа шабзэшэм хуэдэ ирехъу.


Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.


Абы щӀыхь хуэфщӀын папщӀэ фыкъафэ; уэрэд хужыфӀэ тимпанрэ пшынэдыкъуэкъуэкӀэ.


ВгъэлъапӀэ Зиусхьэныр, ди Тхьэр, щхьэщэ щыфщӀ и тахътэм и пащхьэ: ЛъапӀэщ Ар!


И псалъэ къиутӀыпщынщи, псори къэвыжынщ; жьыр къригъэпщэнщи, псыхэр къежэхэнщ.


Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.


ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ