Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 13:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Хьэщхьэвылъэм псалъэ пагэхэр жиӀэну, Тхьэм хущӀэджэу, мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ тепщэныгъэ иӀэну хуит хъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 13:5
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым.


МелыӀыч гуэрым бгъэ иным и дамитӀыр цӀыхубзым къритащ, блэжьым и пащхьэм икӀыу, Тхьэм губгъуэ нэщӀым абы щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм лъэтэн щхьэкӀэ. Абдежым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ щагъэшхэнущ.


А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ.


Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.


Си гупсысэхэм сыт хуэдизрэ сагъэгумэщӀэну, жэщми махуэми гукъеуэм сыхэтыну? Си бийр си щыгу сыт хуэдизрэ итыну?


Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ