4 Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»
Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ.
А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, жаӀэнущ: «А къалэшхуэм хуэдэ къалэшхуэ зыри щыӀакъым».
Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ.
НэгъуэщӀ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: Благъуэжь абрагъуэ плъыжьу, щхьибл фӀэту, бжьакъуипщӀ тету къэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зы щхьэми зы таж щхьэрыгът.
А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
Ауэ а гугъуехьышхуэхэм хэмыкӀуэда цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэм я щӀыб хуагъэзэжыну ядакъым. Жин бзаджэхэр ягъэлъэпӀэныр къагъэнакъым икӀи дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, мывэм, пхъэм къыхащӀыкӀа тхьэ нэпцӀ сурэтхэу зылъагъуни, зэхэзыхыни, зекӀуэни зылъэмыкӀхэр ягъэлъэпӀэныр щагъэтакъым.
ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.
Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.
НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт.