Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 13:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 13:2
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.


– БжьакъуипщӀу плъэгъуам къикӀыр тепщэныгъэ зэкӀэ зымыгъуэта пащтыхьипщӀыращ. Ауэ абыхэм, хьэщхьэвылъэм и гъусэу, зы сыхьэт закъуэкӀэ пащтыхь тепщэныгъэ ягъуэтынущ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.


Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»


ЦӀыхубзыр псым иригъэхьын щхьэкӀэ, псыдзэм хуэдэу, блэжьым и жьэм псыр къыжьэдиутхыкӀащ.


Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ.


Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.


Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


Мы етӀуанэ хьэщхьэвылъэм япэрей хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэ псори иӀэу, абы и пащхьэм Ӏуэху щищӀащ икӀи щӀылъэми щӀылъэм тет цӀыху псоми япэрей хьэщхьэвылъэу зи уӀэгъэр хъужар яригъэгъэлъэпӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ