Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 13:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 13:11
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.


А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.


Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ.


А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт.


Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ.


А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.


Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.


Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът.


Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ