Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 12:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 НэгъуэщӀ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: Благъуэжь абрагъуэ плъыжьу, щхьибл фӀэту, бжьакъуипщӀ тету къэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зы щхьэми зы таж щхьэрыгът.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 12:3
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– БжьакъуипщӀу плъэгъуам къикӀыр тепщэныгъэ зэкӀэ зымыгъуэта пащтыхьипщӀыращ. Ауэ абыхэм, хьэщхьэвылъэм и гъусэу, зы сыхьэт закъуэкӀэ пащтыхь тепщэныгъэ ягъуэтынущ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


УзыӀуплъа хьэщхьэвылъэмрэ бжьакъуипщӀымрэ псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ. Абы иӀэ псори трахынурэ, пцӀанэу къагъэнэнущ. И пкъри яшхынущ, къэнари мафӀэкӀэ ягъэсынущ.


МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ.


Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым.


Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.


Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: ЦӀыхубз гуэр, дыгъэр фащэу щыгъыу, и лъакъуэхэр мазэм тету, и щхьэрыгъ тажым вагъуэ пщыкӀутӀыр тету, къэхутащ.


Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ.


И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт. Пащтыхь таж куэд щхьэрыгът. Езым фӀэкӀа зыми имыцӀыхуу и натӀэм цӀэ гуэр тетхат.


ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ.


Уафэм зауэ къыщыхъеящ. Михаилрэ абы и мелыӀычхэмрэ благъуэжьым езэуащ, благъуэжьри абы и мелыӀычхэри абыхэм къапэуващ.


Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ.


Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът.


Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ.


Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»


Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ