7 Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ.
Злэжьын щхьэкӀэ сипщэ къиплъхьа Ӏуэхухэр згъэзащӀэурэ, уэ уи щӀыхьышхуэр дунейм и цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ.
– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».
НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт.
Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».
Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.
Серчэм щӀэфа нэужь, Хьисэ жиӀащ: – Си лэжьыгъэр нэзгъэсащ. И щхьэр къыфӀигъащӀэри, и псэр итащ итӀанэ.
Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ щӀым и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм кӀуэну унафэ яхуимыщӀыну.
ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ.