Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 11:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 А щыхьэтитӀым уафэр ягъэбыдэжыну тепщэныгъэ яӀэщ, Тхьэм абыхэм я гум кърилъхьа псалъэхэм цӀыхухэр щрагъэдаӀуэ махуэхэм уэшх къемышхын щхьэкӀэ; псыр лъы ягъэхъун щхьэкӀэ псыхэми тепщэныгъэ хуаӀэщ икӀи щӀылъэм сыт хуэдэ гугъуехь ирагъэшэчыну дапщэщ хуейми яхузэфӀэкӀынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 11:6
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ауэ пэжыр нывжызоӀэ, Иляс бегъымбарым и зэманым уафэм илъэсищрэ мазихкӀэ зызэхуищӀу, уэшх къемышхыу щыхъум, зэрыкъэралу гъаблэшхуэм щыхэхуам, Израил къэралым фызабэ куэд ису щытащ.


ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ.


Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».


ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.


Ещанэ мелыӀычым и фалъэм итыр псышхуэхэмрэ псынэхэмрэ хикӀащ. Ахэри лъы хъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ