4 Мы щыхьэтитӀыр щӀылъэм и Зиусхьэным и пащхьэм ит зейтун жыгитӀымрэ уэздыгъэ тегъэувапӀитӀымрэщ.
Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».
Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ.
– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.
Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.