Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 11:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 «Ауэ Тхьэм и унэшхуэм и щӀыбкӀэ щыӀэ пщӀантӀэр къыупщыну упымылъ, Тхьэм а пщӀантӀэр хамэ лъэпкъхэм къахуигъэнащи. Къалэ лъапӀэр мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ къалэ лъапӀэр лъэгукӀэ яубэнущ абыхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 11:2
32 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым.


Абыхэм ящыщ куэд джатэкӀэ яукӀынущ, адрейхэри гъэру яубыдурэ хамэ лъэпкъхэм я деж яшэнущ. Я тетыгъуэ лъэхъэнэр иухыху, Ерусалим лъэгукӀэ хаутэнущ хамэ лъэпкъхэм.


Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».


Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.


Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.


Ахэр кхъэлэгъунэхэм къыщӀэкӀыжащ икӀи Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, къалэ лъапӀэу Ерусалим дыхьэри, цӀыху куэдым зыкърагъэлъэгъуащ.


– ЩӀылъэм и шыгъур фэращ. АтӀэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур? ЗыкӀи и сэбэп хъужынукъым итӀанэ. Ар иракӀутыжынурэ, цӀыхухэм лъэгукӀэ яутэнущ.


ШейтӀаным Хьисэ къалэ лъапӀэм ишэщ, Тхьэм и унэшхуэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри,


Махуищрэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь, Тхьэм абыхэм гъащӀэм и псэр къахилъхьэжри, тӀури я лъэкӀэ къэувыжащ. Ахэр зылъэгъуа псори шынагъуэшхуэм хэхуащ.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шошаним-Эдут» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ