16 Тхьэм и пащхьэм ит тахътэхэм тес тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым нэкӀукӀэ зрадзыхыурэ, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:
Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.
хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:
Тахътэм, тхьэмадэ нэхъыжьхэм, псэущхьиплӀым къеувэкӀауэ щытт мелыӀыч псори. Тахътэм и пащхьэм нэкӀукӀэ зыщрадзыхри, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, абыхэм жаӀащ:
Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»
ПсэущхьиплӀми «Ӏэмин» жаӀащ. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым зрадзыхри, сыт щыгъуи ЩыӀэнур ягъэлъэпӀащ.
– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ахърэтым щӀыхьышхуэ щиӀэу и тахътэм щытетӀысхьэкӀэ, фэ, си ужь къиувахэр, тахътэ пщыкӀутӀым фытетӀысхьэнурэ, Израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым хьэкум* ятефщӀыхьынущ.