10 А тӀур зэрылӀам щхьэкӀэ гуфӀэнущ икӀи тхъэжынущ дунейм тетхэр. Тыгъэхэри зэхурагъэхьынущ, а бегъымбаритӀым щӀылъэм тет цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчу щытащи.
«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ.
Дунейм и цӀыхухэм фэ жагъуэу фалъагъуфынукъым, ауэ сэ сыкъалъагъу хъуркъым. Абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр зэрыӀейр къыщӀызогъэщри, аращ сыкъалъагъу щӀэмыхъур.
Си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыху псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ. Ауэ икӀэм нэсыху теубыдагъэ зиӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ.
Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну.
Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.
ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр.
Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фыгъынущ икӀи фыпыхьэнущ, ауэ дунейм и цӀыхухэр гуфӀэнущ. Фэ фигу къеуэнущ, ауэ фэ фи гукъеяуэм гуфӀэгъуэкӀэ зызэблихъунущ.
Ер зезыхьэ псоми зэхэщӀыкӀ ямыӀэу аращ – щӀакхъуэ зэрашхым хуэдэу, си цӀыху лъэпкъыр зышххэм, Тхьэм емылъэӀухэм.
Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.
Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ.