Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 1:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 1:5
53 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.


Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.


Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.


Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


Мэссихь* гугъуехь ишэчын хуейуэ зэрыщытар икӀи псом япэ езыр лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ, езым и лъэпкъымрэ хамэ лъэпкъхэмрэ нэхур иджы къазэрыхуэлъагъуэм и хъыбар яхуиӀуэтэну зэрыщытарщ сызытепсэлъыхьар.


Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.


ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


Лаодикие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ӀэминкӀэ зэджэ щыхьэт пэжу икӀи узыщыгугъ хъун щыхьэту Тхьэм къигъэщӀа псори зи ӀэмыщӀэм къикӀам мы псалъэхэр жеӀэ:


– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


ЦӀыху бзаджэхэм жаӀэ: «Хъунур Тхьэм дауэ къищӀа? Псоми Я Нэхъ Лъагэр абы щыгъуазэ?»


Игъуэр къыщыскӀэ, Тхьэм а махуэр къигъэлъэгъуэнущ, – щӀыхьышхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ зиӀэ Тхьэ закъуэр пащтыхьхэм я Пащтыхьыжщ, зиусхьэнхэм я Зиусхьэныжщ.


Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.


Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


– Адэ лъапӀэм сэ фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу, сэри фэ фӀыуэ фыслъэгъуащ. Си фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн.


ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.


Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ.


– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.


Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым.


– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым.


Эдом щыщ Доиг къакӀуэу, Ахимэлэх и унэм Даут къызэрихьэгъам и хъыбар Шаул къыщыхуихьым, Даут иусащ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр абы и лъыуэ жорым щыщӀэкӀынумкӀэ Тхьэм езым зригъэкӀужын щхьэкӀэ, Хьисэ къурмэныпхъэу игъэуващ. Тхьэр зэрызахуэр къигъэлъэгъуэну аращ Хьисэ къурмэныпхъэу щӀигъэувар. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гущабэщи, пасэм цӀыхухэм гуэныхьу ящӀахэр яригъэпшыныжыгъакъым.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.


Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».


Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ