Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 1:3
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.


– Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуам мыхъур ятумыдзэ, – къыпищащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пӀалъэр къэблэгъащ.


Аращи, апхуэдэу фыпсэу. Зэманыр здынэсар фощӀэ, фыкъыщыушын хуей сыхьэтыр къэблэгъащ. ФӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъуа махуэм нэхърэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщригъэлыну махуэр иджы нэхъ ди гъунэгъу хъуащ.


Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.


– КъэдаӀуэ, – жеӀэ Хьисэ, – куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ. Дэтхэнэми хуэфащэ Ӏыхьэр ныздызохь, дэтхэнэми илэжьам хуэфащэри естыжынущ.


Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.


Мы Ӏуэхухэм щыхьэт техъуэм жеӀэ: «Аращ, куэд мыщӀэу сыкъэкӀуэжынущ». Ӏэмин. КъэкӀуэж, Зиусхьэн Хьисэ!


– Аращи, Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэур» щӀыпӀэ лъапӀэм иту щыфлъагъукӀэ (еджэм ар къыгурыреӀуэ),


Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ.


ЩӀэх сынэкӀуэжынущ. Фи тажыр зыми къыфӀимыхын щхьэкӀэ, фи фӀэщхъуныгъэм фытемыкӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ