Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Апокалипсис 1:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Апокалипсис 1:10
13 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым губгъуэ нэщӀым сишащ абы и ужькӀэ. Абы щыслъэгъуащ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фӀыцӀафэм тес цӀыхубз гуэр. А хьэщхьэвылъэм Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр тезу тетт, щхьибли пытт, бжьакъуипщӀи тетт.


Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ.


Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ.


А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


– Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Даут и гум кърилъхьэу, Мэссихь теухуауэ «Си Зиусхьэн» жиӀэурэ къызэрыжригъэӀар дауэ къызэрыбгурыӀуэнур? – яжриӀащ Хьисэ. – Даут мыпхуэдэу жиӀакъэ:


Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ