5 Си тӀасэ, къуэшхэми хамэхэми фӀыуэ яхуэблэжымкӀэ щыпкъагъэ уи гум илъу уощӀ.
Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.
Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.
– Хэт атӀэ акъылыфӀагъэ иӀэрэ зыщыгугъ хъун унэзехьэу тепщэм езым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм унафэщӀ яхуищӀынур, шхын и чэзум къаритын щхьэкӀэ? – жиӀащ Зиусхьэным.
– Хэт атӀэ, зэхэщӀыкӀ иӀэрэ, зыщыгугъ хъун унэӀуту тепщэм езым и унэӀутхэм унафэщӀ яхуищӀар, шхын ичэзум къаритын щхьэкӀэ?
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ гупым, цӀыхуищэрэ тӀощӀрэ хуэдиз хъууэ, Петр къахэувэри, а махуэхэм къажриӀащ:
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.
ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.
Къуэш гуэрхэр къакӀуэу, уи щыпкъагъэм тепсэлъыхьу, щыпкъагъэм утету узэрыпсэум щыхьэт зэрытехъуам куэду сригуфӀащ.
Аращи, сынакӀуэмэ, абы ищӀэ Ӏуэхухэр къэзгъэнэхуэнущ, ар псалъэ дыджкӀэ къызэрыттепсэлъыхьым щхьэкӀэ. Абы къыщымынэу, къуэшхэр иригъэблэгъэн идэркъым, езыгъэблэгъэну хуейхэми яхуимыдэу япоув икӀи члисэ зэхуэсым яхехуж.
Талантитху зритар занщӀэу кӀуэри, лажьэурэ нэгъуэщӀ талантитху къилэжьащ.