Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




2 Петр 3:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




2 Петр 3:9
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?


ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.


ФымыкӀуэду фыкъригъэлыну Ӏэмал къывитын щхьэкӀэщ Зиусхьэным шыӀэныгъэ щӀиӀэр, ар зыгурывгъаӀуэ, дэ фӀыуэ тлъагъу ди къуэш Паул Тхьэм кърита акъылкӀэ къызэрыфхуитхам хуэдэу.


Ауэ Хьисэ Мэссихь псоми япэ сэ гущӀэгъу къыщӀысхуищӀар ар къызэрысхущытымкӀэ и шыӀэныгъэшхуэр здынэсыр къигъэлъэгъуэн икӀи езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъун цӀыхуу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм щапхъэ сахуэхъун щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд дыдэ дэмыкӀыу, къэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ.


Аращ-тӀэ, Тхьэм и губжьыр къигъэнэхуэну икӀи и лъэкӀыныгъэшхуэр цӀыхухэм яригъэщӀэну хуеяти, зыхуэгубжь цӀыхухэу игъэкӀуэдыну щытахэм шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ящысхьащ.


Ахэращ Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищӀа махуэхэм Тхьэр шыӀэныгъэшхуэкӀэ къапэплъэу щыта пэтми, езым емыдэӀуахэр. Кхъухьым исар цыху зыбжанэт – цӀыхуийт зэрыхъур; цӀыхуийри псым щымыкӀуэду къелъащ.


Я адэжьхэми хуэдэнкъым – ерыщхэу, Тхьэм пэувхэу, теубыдагъэ зимыӀэхэу, зигу – зи псэкӀэ Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм.


Аращи, апхуэдэу фыпсэу. Зэманыр здынэсар фощӀэ, фыкъыщыушын хуей сыхьэтыр къэблэгъащ. ФӀэщхъуныгъэ диӀэ щыхъуа махуэм нэхърэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъыщригъэлыну махуэр иджы нэхъ ди гъунэгъу хъуащ.


Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ.


Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ